ФокIадэм и 1-м

Гъибл-сабийхэр япэ дыдэу,
Школ бжэщхьэIум ебэкъуэну,
Сыжейяу жэщ кIуам мыIейуэ,
ФIыщIэ иныр Тхьэм щыхуэсщIым,
Сэри сиIэт дэрэжэгъуэ,
Схуигъэбагъуэу къэунэху махуэм,
Iузмыхынуми школыбжэ,
Гур пIэжьажьэу фIым сфIыпежьэрт.
Тхьэм ди щIыбыр хуэгъэзауэ,
Дэпхуэдиз зэман мыкIуами,
НыбжькIэ зэ иман къэтхьыжу,
ДелэIун х у е й щ Тхьэм – гущIэгъукIэ.
Армырамэ Хьэршым дыкIуэм,
Зэуэ куэд тпшынын х у е й хъунущ,
КIыхь зыдмыщIу нэмэзлыкъым,
ДыкIуэм дэркIэ – нэхъыфIынущ!
Хэт схьэт мыгъуэм х у е й р IущIэну.
Жэнэтыбжэ Iухам блэкIыу,
ФылIщ абы хэдэн къэвгъуэти,
Нобэ махуэр здынэсам.
Арагъэнщ пIащIэгъуэр стелъу,
Жьыуэ сэ андез щIэсщтар,
Си гур къабзэщ псоми ящIэу,
Нобэ дыщэщ дэ дгъуэтар!..
Азэн джапIэр къыслъагъэсрэ,
МакъкIэ ину сагъэджатэм,
Япэ дыдэ мэжджытыщIэм
Жэнэт бзыу уэрэд згъэIунт!    
                01.09.2004 гъ.


Рецензии