Хьэмэ къилъхуа

Си адэшхуэм хуэдэ цIыху,
Зы щыIамэ, - язщ.
Абы и цIэр Хьисэт,
Сэ ар фIыуэ слъагъут.

Хьэмэ сыкъилъхуауэ
Дадэ жиIэрейт,
Абы нэхъ нэхъыфIу.
Пэжыр хэт ищIэнт?

Нобэ сэ си куэщIым,
Си къуэрылъхур исщ,
Хьэмэ къилъхуащ щIалэр,
Къыпачауэ сэщхьщ.

Сэ къысхуэнэжар,
Ар еспхынуращ,
ЩIым тезгъуувэ хъуркъым,
Уафэм занщIэу нос.


Рецензии