УАЗ

                Нэхущ Хь. деж.
Фыкъэув сэтыру цIыхухэ,
Нобэ япэу сотыр УАЗ,
Фи щхьэ пщIэншэу ягъэузкъым,
КъесшэкIынущ Iуву – боз.
КъурIэн лъапIэм семыджами,
Сэ сIурылъкъымэ шэрэз,
Куэд «еджахэм» седэIуэжкъым,
Ахэр псори щхьэгъэузщ.
«Сохъустэ» курс фIэкI къимухауэ,
Зэуэ хъуа Iустаз щыIащ.
Кризис ар щыпсэум къэхъуамэ,
Яритынут куэдым – уз.
Сэту щIыкIэ зэвгъэщIэнум,
ЗанщIэу тевдзи Бэхъсэн фыкIуэ,
Ахэр ноби щIегъуэжакъым,
Дэсхэр псори сондыджэрщ.
Ар зиIысым щIэмыупщIэу,
«Рынок» жари дызIащIащ,
Япэ щIыкIэ Бэхъсэн Iэпхъуэу,
Сыт Гайдар щIыдэмысар?
ЩIэх ди Iуэхур зэтес мыхъум,
Хьэжмудар Мэзкуу дгъэкIуэнщ,
Унэ Хужьым хущхьэу щIэсхэм,
Къащхьэпэн яжыриIэнщ.
                31.12.2008 гъ.


Рецензии