Чылэни

Ар ищIатэм Чылэни,
Бэдрэжан мы гъэм ищIэнт,
Банкым кIуэу мин щий къыIихыу,
ЩIым бэджэнду елэжьынт.
ЗэIыхьащ и Iуэхур щIалэм,
Псы хэкIуадэ хъуащ и гуащIэр,
Самопал ирафу жьауэм,
ЩIэса гупым къащ Iэуан?
Ахэм хэткъым мы «козел»,
Махуэ псом куэзыр мэджэгу,
Къуажэм Iэщхэр къыдыхьэжым,
Щхьэж и жэмым  «кIэлъопщыж».
Ахэм Зым и щIыхуи телъкъым,
Нэху щыху пырхъыуэ мэжей,
Ялъэгъау пщIыхьыфI къоушри,
Махуэ къохъу щырагъэлей.
Трудоденыр щыIэжатэм,
Ахэр псори губгъуэм итт,
Я кIэтIийр я вакъэ  лъэпсу,
Гъуэгыу лажьэу хьэсэм хэтт.
ИугъащIэ Чубайс Толэ! - жари
Хъуахъуэу ахэр йофэ,
Тепщэ «рынокыр» мыхъуатэм,
Ахэр псори екъут щIэщIауэ.
Хышхуэм адкIэ жьы къепщам,
Чылэни егъэгузасэ,
ХъымпIар «кризисыр» зымыщIхэм ,
Куэд щIау, щэхуу ар йохъуапсэ?!
                07.01.2009 гъ.


Рецензии