ДамитI

          Хьэх С. деж.
Уи зыгуэрым и сэбэп,
Тхьэм Уэ куэдыуэ къуигъэкI,
Лъахъшым фIэлъмэ лэгъуп,
Зэу гъэлъэхъу йовыкI.

Уи Зыгуэрыр хуэмыхуатэм,
Уэ къэбгъэпкIыр мащIэ Iейт,
Уи фIэщ хъумэ щIы хъурейм,
Ауэ ныбжьыуэ утетт?

Ауэ Тхьэм и нэфI къыпщыхуэу,
Уэ ухъуакъымэ ПОЭТ,
Иджы, - шэми, шхуми уису,
Куэдрэ дунейм тет.

КъызжиIакъымэ жомыIэ,
Уи щхьэр лъагэу Iыгъ,
Мы дунейм адыгэу тетыр,
ФыкIэ дыпщогугъ.

Бэм гуфIэгъуэу иIэтар,
Уэ нэхъыфIыу хэт ищIэн,
Бэм хьэзабу игъэвар,
Уэ нэхъыфIыу хэт жиIэн.

Уи зэгуэрым къилъэтыхьм,
Уэ игъусэу зыIэт,
Хуарзэу уэгум ит къуршыбгъэм,
Ауэ теткъымэ дамитI!
                19.05.2008 гъ.


Рецензии