Нобэ уи гум хъуну сыщыжей? на кабардинском

Нобэ уи гум хъуну сыщыжей
Сыкъыхэмыщтык1ыу,сф1э1эф1 дыдэу?
Уэ умыгужьей, зомыгъэхъей,
Гум сыкъомыгъэк1ыу бжэр гъэбыдэ.

Уи гур къызэреуэр зэхэзгъэх,
Уэ узэрыбауэр зыхэзгъащ1э.
Гущ1эм зы псэуп1э уэ схухэх,
Сэ сызэрыщы1эр уэ къуигъащ1эу.

Уемызэгъми жейм,сигу пщ1эмыгъун,
Сэ жей куэд сыхуэныкъуащ апхуэдэу.
Гъусэ уи гупсысэм сыхуэхъунщ,
Сэ куэд щ1ауэ сыпщ1ащ 1эрыубыд уэ.

Хьэуэ,1эрыубыдкъым,псэрыубыдщ,
Дэнк1э мык1уами,уи деж но1э.
Сыпщ1ми содэ иджы 1эрыубыд,
Сэ куэд щ1ауэ си гур арщ зыхуе1эр!

16.06.21гъ


Рецензии