Зыгуэрк1э къэхъумэ... на кабардинском

Зыгуэрк1э сэ сыкъанэу уэ уехыжмэ,
Мы дунеишхуэр занщ1эу хъунущ нэщ1.
Сигу къеуэу сызыхуейхэр бжезмы1эжмэ,
Сыхущ1егъуэжу хъунущ си гур хэщ1.

Зыгуэрк1э уэ укъанэу сэ сехыжмэ,
Къэнэнущ жэуапыншэу упщ1э куэд.
Уигу къысхуилъахэр уэ къызжомы1эжмэ,
Упсэууэ щытми,гум хуэк1уэнущ к1уэд.

Жыт1эфкъым нобэ,пщэдейм догъэк1уатэ,
Мэк1уатэ гъащ1эр,тщ1энум къык1элъоплъ.
Уимы1эу гу лъитамэ гу хэлъэтыр,
"Зэрыхъу ирехъу!"-же1эжри губжьу къолъ.

Уи ныбжь хэк1уатэу гъащ1эр к1эм щынэсым,
Уежьэжым хуэдэу къызэщ1ыбокъуэж.
Дэ къэдгъэщ1ар дигу нэсми нэмысми
Дгъэзэк1уэжыну къэнам дыхуо1эж.

Дэ ди гур мамырыгъэщ зыщ1эхъуэпсыр,
Псэуну йо1э,сытыр къэмыхъуам.
Дэтхэнэри тф1э1эф1щ,худохьыр ди псэм
Зэгуэр къэхъуауэ щытми гур у1ау!

12.05.21гъ


Рецензии