Щызок1уэ мы дунейм зы ц1ыху на кабардинском

Щызок1уэ мы дунейм зы ц1ыху,
Нэм имылъагъуми си гум илъу.
Щызок1уэ мы дунейм зы ц1ыху,
Зы ц1ык1ук1и сэ си 1уэху хэмылъу.

Щызок1уэ мы дунейм зы ц1ыху,
Си пщ1ыхьым хэтрэ сф1эк1уэдыжу.
Си нэгу щ1этынущ сыпсэуху,
Гук1э сыщыхьэрэ сек1ужу.

Щызок1уэ мы дунейм зы ц1ыху,
Мы си гур сытым деж хуэзэшу.
Сэ си псэм зэ зимыгъэпсэху,
Зэм къысф1ытехьэу,зэм тек1ыжу.

Щызок1уэ мы дунейм зы ц1ыху,
Зэрыщызек1уэри сэ сщ1эжу.
Сыпсэущ,ар си гум щызек1уэху,
Иу1эу щытми,лъыр къыпыжу.

Щызек1уэ мы дунейм,си ц1ыху,
Аф1экк1э сэ узмылъагъужми.
Сыногупсысмэ,гум жьы деху,
Щызек1уэ,си 1уэху пхэмылъыжми!

05.2021гъ


Рецензии