Ныкъусаныгъэ на кабардинском
Ц1ыху фэ зэи къэзмылъыхъуэ.
Хэт нэпсейщ,хэт шэчыгъуейщ,
Хэт и псалъэм гур елыгъуэ.
Умыц1ыху уепсэлъыл1ам
Уэ къыпщохъур ар щ1эщыгъуэу.
Ныбжьэгъужь зымы1ыгъам
Щ1эм деж щигъуэтын пэжыгъэ?
Хэти тф1эф1къым гу щабагъэр.
Псалъэ закъуэм ар егъагъри.
Тф1этэмэмкъым гу къабзагъэр,
Хеутэфри гу ф1еягъэм.
Ауэ дахэм дыгъэ тепсэм
Зэщ1элыдэу егъэнэху.
Дапхуэдизри ф1ейм тегъапсэ,
Уэ плъагъункъым и зы нэху.
***йм ирабж ар ныкъусаныгъэу:
Фошыгъу шейр къыпщыхъуми шыугъэу.
Игъэт1ысу гур уи гугьэм-
Шыгъури къыпщегъэхъу фошыгъуу.
04.2021гъ
Свидетельство о публикации №121052807375