Зэманым псори зэхегъэк1 на кабардинском

Зэ быупсащ уэ пц1ы,я ф1эщи пщ1ыуэ,
Ет1уанэу,шэч къыпхуащ1ми,быупсащ.
Мэкъутэ бгъэм и дамэр,куэдрэ уэмэ,
Апхуэдэ зэрыщы1эр пщыгъупщащ.

Дзыхь къыпхуэзыщ1ыр уэ зэ къэбгъэпц1амэ,
Апхуэди къохъур,ар уэ къыпхуэгъунщ.
Ауэ зэгъащ1э,уэ ебгъэлеямэ,
Дапщэщми,уэ а уи пц1ыр къыщ1эщынщ.
Пэжыгъэр мылъкук1и уэ къыпхуэщэхункъым,
Пц1ым алэрыбгъук1э лъагъуэ хуумыубгъу.
Аф1экк1э уэ я ф1эщи ухъужынкъым,
Урагъэзынущ гущ1эгъуншэу ябгъу.

Пц1ы зымыупс мы дунеишхуэм теткъым,
Мы гъащ1эм арыншауи ущымыхъу.
Зэныбжьэгъугъэм ауэ къапц1э хэткъым,
Гъэпц1агъэк1э зэныбжьэгъугъэр мыхъу.

Сэ схуэдэр куэдщ,уэ пхуэдэри мымащ1э,
Щ1эпхъуа уи лъагъуэр жыжьэ 1урырек1.
Си лъагъуэм щырырет ууейр пэ1эщ1эу,
Дэтхэнэри зэманым зэхегъэк1!

12.04.21гъ


Рецензии