Си анэм и фэеплъу на кабардинском

Апхуэдэу гъэхэр мак1уэ,ауэ уэ сигу уихуакъым,
Сэ нобэми согу1э,си анэ,сэ сесакъым.
Сесакъыми уи нит1ыр сэ ноби къызолъыхъуэ,
Уэ уи гупсысэм ноби мы сигу п1ыщ1ар сф1елыгъуэ.

Уэрыншэу гъащ1эр хьэлъэщ,си анэ,сытхэр сщ1эну?
Мы си гум хьэлъэу телъыр хэт мыгъуэм къезгъэщ1эну?
Абы сэ сыщ1еп1ыт1э,ар хэт къыгуры1уэну?
Сытхэр 1эмалу,си анэ,абы къыхуэзгъуэтыну?

Къызощтэ уи сурэтри щэху дыдэу сынопсалъэ,
Си нэпсхэр къысф1ежэхыу,уэ щабэу 1э бдызолъэ.
Уэ сызэхэпхрэ,си анэ,сэ 1ейуэ сыпхуэныкьуэщ?
Си гъащ1эр сэ къысщохъур уэрыншэу,мамэ,ныкъуэ.

Сыхуейщ уи 1э ц1ык1уит1ыр си 1эгухэм щызгъэф1эну,
Щхьэц тхъуахэм сепэщэщу,сф1эф1ыпсу 1э дэслъэну.
Сыхуейщ сэ уи хуэбагъыр,си анэ,зыхэсщ1эну,
Зы псалъи дэзмыгъэхуу жып1эжхэм седэ1уэну.

Сыхуейщ уэ къысхуипк1ауэ шей пщтыр,си анэ,сефэну,
Узэрыслъагъур ф1ыуэ,си мамэ,ныбжес1энщ.
Си щ1акхъуэ 1ыхьэм щыщу и ныкъуэр бдэзгуэшыну,
Зэ закъуэ мыхъуми,си анэ,уи макъыр зэхэсхыну.

1эмал зимы1эщ псори,сэ согъыр,согу1эжыр,
Дэк1ащ илъэс зыбжанэ си нэпсыр мыувы1эну.
Сту 1ейуэ сыпхуэныкъуэ,сту 1ейуэ сыпхуэзэшрэ,
Щхьэ зэи сигу илъ узыр,си анэ,хэмык1ыжрэ?

Си пщ1ыхьым укъыхыхьэм,ар сэ си гурыф1ыгъуэщ,
Абы ущызолъагъури,упсэууэ къысщохъужыр.
Къызэтызохри си нэр,къыщ1ок1ыр пц1ыуэ гугъэр,
Нэпсейуэ сэ си пщ1ыхьыр иджы къызощыпыжыр.

Уэ къысхуэгъэгъу,си анэ,си нэпсыр гугъу къыпщыхъумэ,
Сэ зызо1ыгъ зэрыхъук1э,уэ псэк1э сыболъагъур.
Уэ уи 1эф1агъэр ноби сэ си гум щызохъумэ,
Узимы1эжу щытми,сэ ф1ыуэ узолъагъур!

Алыхьым жи1э уи псэр жэнэтым уэ щызек1уэу,
Дунейм укъэмыхъуапсэу Алыхьым къыщ1игъэк1!
Зы дыхъужынщ,си анэ зэгуэр абы сынак1уэм,
Аращ сэ си хъуэпсап1эр,си нэр абы къыхуок1!

22.02.21гъ


Рецензии