Аф1эк1 гупсысэм сэ симыгъэхуабэ на кабардинском
Ит1ани сф1ыщ1ок1ыжыр лъагъуныгьэр,
Сэ си гупсысэхэм садоуэршэр,
Схуэхъуащи гъусэ нобэ закъуэныгъэр.
Уи узыр щэхуу къытоу1уэ бжэм,
Си гур икъузу кьэбгъэнар мэузыр.
Уафэми зэуэ къытЫрехуэ пшэр,
Уэ уи гупсысэм сэ сызэщ1екъузэ.
Хэт лъагъуныгьэ гуащ1эм къигъэпц1ар,
Ущесу псым къыпщыхъуми,ущ1илъафэу?
Мык1ыж у1эгъэ хэт къызытенар,
Имы1эу хущхъуэ,пхуэмыгъэхъужыфу.
А закъуэныгъэм жыжьэ сэ сы1уеш,
Сыхуэпсэлъэжу си щхьэ сынопсалъэ.
Сытек1уэркъым абы, къысхуэмыгъэш,
Зыщ1ып1э деж къыщы1укъым уи зы псалъэ.
Жомы1э зыри, куэдк1э ар нэхъыф1щ,
Армырми зыри пэж уи псалъэм хэлъкъым.
1уданэ плъыжьк1э здыжмэ гур нэхъыф1щ,
Къыпытк1уми лъыр,абы хэплъагъук1ыжкъым.
1ухауэ си бжэр куэдщ зэрыщытар,
Гъущ11унэ инк1э ар зэщ1ызо1ул1э.
Си гугъэм уэ куэд1ейрэ ухэтащ,
Псым ещхьу уэ уи псалъэхэм сыхуэл1эу.
Си 1эгум си гур сэ изоубыдэж,
Иджы си 1эгуращ ар зыгъэхуабэр.
Си лъагъуныгъэр жыжьэ мэлъэтэж,
Абы аф1эк1к1э сэ симыгъэхуабэ!
16.01.21гъ
Свидетельство о публикации №121012809072