Шэху уэздыгъэр хуэмурэ сф1ыхощ1 на кабардинском

Шэху уэздыгъэр хуэмурэ йотк1ух,
Ар ещхьыпсщ ц1ыху гъащ1эр зэрыхэщ1ым.
Пшэм и 1эпл1эм сэ срегъэпщк1ухь,
Зыкъызешэк1ыпэ гур хигъэщ1у.

Зы дыгъэ бзий закъуэ къызэпхедз,
Пшэ ф1ыц1эжьыр абы зэбгредз.
Маф1э лыгъэм си гум зыкъредз,
Гуауэу си гум илъыр щхьэпредз.

Пшэ къабзабзэм уи сурэтыр етх,
Жьым ехьыжри,Ари сигу къыщ1етхъ.
Щабэ дыдэу щ1ым сытоувэж,
Зэм дбгына гъуэгуанэр къелъыхъуэж.

Сык1уэтэхук1э гур нэхъ къысф1олъэт,
Сэ къысщохъур уэ укъызбгъурыт.
Гугъэр удз гъэгъам хопэщэщыхь,
Уэ уи псалъэ зыри зэхэзмых.

Иджы жьыбгъэм уэ уи макъыр къехь,
Уэшхыр къошхри сигу илъ псор с1эщ1ех.
Мо жыг щ1агъым сэ сыщ1эувэнщ,
Сэ абдежым укъыщыслъыхъуэнщ.

Тхьэмпэ псыфым уи ц1эр къе1ущэщ,
Сэ си щхьэцым жьыбгъэр къопэщэщ.
Сыкъок1уэжри, нэхур схуэмыгьэщ,
Шэху уэздыгъэр хуэмурэ сф1ыхощ1!

04.01,2021гъ


Рецензии