Дэ дыпсэухук1э псэущ ди гугъэр на кабардинском
Зэм 1эф1 къытщохъур,зэми шыугъэщ.
Зэм ар егъэф1ыр лъагъуныгъэм,
Зэм тф1егъэ1ей лъагъумыхъуныгьэм.
Лъагъумыхъуныгъэ- лъагъуныгъэ,
Сыт атк1э ди гур зыщыгугъыр.
Щхьэ махэ хъуа къытхущ1эк1 дыгъэр,
Дэнэ щыпсэурэ иджы гугъэр?
Лъагъумыхъуныгьэм арщ кьыбжи1эр,
Ауэ ар си щхьэм измыгъэхьэ.
Сэ лъагъуныгъэ псом(и) хузи1эщ,
Блэк1ами сэ сытемыпыхьэ.
Допсэу нэхъыф1ым дыщыгугьыу,
Худи1эу дахэ псоми гугъэ.
Худи1эу гъащ1эм лъагъуныгъэ,
Дэ дыпсэухук1э,псэущ ди гугъэр.
Декабрь, 2020гъ
Свидетельство о публикации №121012808238