Сыджэгуурэ усф1эк1уэдащ на кабардинском

Сэ соплъ:ар щэхуу къыск1элъоплъ,
Солъагъу ф1ыуэ сызэрилъагъур.
Иджы ухуейми къысхукъуэплъ,
Уэ бгъэк1уэдащ зэгуэр си лъагъуэр.

Абы сэ т1эк1у сытек1уэтат
Сыкъэплъыхъуэн къысф1эщ1у,
Укъызэджэну си гугъат,
Сыножьэрт си гур хэщ1у.

Зыкъомрэ сыкъызэплъэк1ащ,
Утеттэкъым си лъагъуэм.
Сыджэгуурэ усф1эк1уэдащ,
Уихьами ещхьт уэ благъуэм.

Апхуэдэурэ си гъащ1эр к1уащ,
Зэм-зэм сыкъызэплъэк1ыу.
Хуэмыхуу уэ укъыщ1эк1ащ,
Уигу илъ жып1эн плъэмык1ыу.

Зыр къокъуэлъык1ыр, зыр нэхъ щэхущ,
Апхуэдэхэщ ц1ыху гъащ1эр.
Ц1ыхугум зэ зимыгъэпсэху,
Ар щытщ сыт щыгъуи 1элу!

03.01.21гъ


Рецензии