Джэрпэджэж -на кабардинском

1эшт1ымк1э къоуэм щ1акхьуэк1э еуэж-
Щы1ащ зэман а псалъэхэр щыпэж.
Ф1ым къигъэзэжу,ещхьу джэрпэджэж,
Ф1ы псом иджы имы1э къыпэджэж.

"Дунейр 1ей хъуащ!"-жыхуа1эр пэж?
Ц1ыхум къуихами лей,хущ1емыгъуэж.
Дунейр дунейщ,зэрыщыта щытыжщ,
1ей хъуар Ди ц1ыхурщ,зыр зым хеутэж.

Пц1ы къегупсысри абы Тхьэ ще1уэж,
Ныбжьэгъуи анэкъилъхуи ямыщ1эж.
Си псалъэхэри къохъу сэ къыщысщтэж,
1ей псори щы1эщ пщызыгъэгъупщэж.

Пщэдджыжьым нэхэр сэ къызэтызох,
Жэщ-махуэм я зэманыр зы1эпах.
Щхьэм жэщым къысф1ихьахэр сэ изох,
1ейр хахри ф1ыр гупсысэм зы1эпах.

1ейр зигу илъахэм къахузогъэнэж,
Къызаут1ыпщами,ар ф1ым хок1уэдэж.
Къэзлэжьыр сэ кьызощтэри сожьэж,
Къадзар здзыжыну жыпхэм изолъхьэж!

17.12.2020гъ


Рецензии