Ар дауэ уэ пщ1эфа? на кабардинском
Уэ дауэ жып1эфа уи гъащ1эм сыщылейуэ?
Жып1ати гъащ1э псор зэгъусэу етхьэк1ыну,
Зэран ди лъагъуныгьэм зыри хуэмыхъуфыну!
Щхьэ уепц1ыжа уи псалъэм,жэуапу сыт уи1энур?
Уэрыншэу мы дунейр сэ дауэ 1эф1 сщыхьуну?
Иджы уи плъэгъуэ закъуэм си гур у1эгъэ ещ1ыр,
Иджы уэ псалъэу жып1эм шабзэшэ хэлъ къысф1ощ1ыр.
Зыщ1ып1э ущ1эк1амэ,укъжк1уэжыху сф1эмащ1эт,
Дакьикъэхэр сэ сыбжу сыножьэурэ сып1ащ1эрт.
Уэращ си гъащ1эр жып1эу уэри усхуэгумащ1эт,
Иджы зэрыз дыхъуащи,мы си гур сэ сф1ыхощ1ыр.
Ар дауэ хъуа,сымыщ1э, сэ си щхьэм къимыт1асэ,
Насыпыр т1эщ1элъати иджыри дэ дыгъуасэ.
Нобэ къожэх си нэпсыр,зэпочыр сигу къуэпсыр,
Бжес1ауэ щытат уэ,пщ1эжрэ,уэрат зыхэлъыр си псэр.
Иджы сэ сыщызок1уэ дуней 1эф1агъ зимы1эм,
Уэ тыншу сыпхъуэжауэ нэгъуэщ1ым деж ущы1эщ.
Ар дауэ уэ пщ1эфа,ар сэ къызгурымы1уэ,
Гупсысэр жэщ зэрыхъуу,щхьэгъубжэм къытоу1уэ.
Уэрыншэу хьэльэщ гъащ1эр,1эф1агъ зы хэзмылъагьуэ,
У1эгъэ си гур пщ1ами,сэ ф1ыуэ узолъагъур.
Къэбгъэзэжыну къожьэ,мы си гур ныпк1элъогьыр,
Си лъагъуныгъэ дахэ,щхьэ к1уэдыжа уи лъагьуэр?
26.11.2020гъ
Свидетельство о публикации №121012609784