Сыкъэушащ си нэгум ущ1эмык1ыу-на кабардинском

Сыкъэушащ си нэгум ущ1эмык1ыу,
Жэщ псом си пщ1ыхьым уэ ущызек1уащ.
Нэхэр зэтесхмэ,си гум упымык1ыу
Сэ си гумк1э слъэк1ыхук1э ус1ыгъащ.

Уэ япэм ещхьу псалъэ дахэ жып1эрт,
Укъысхуэгуф1эу зыкъысщомыгъэнщ@т.
Ауэ сыт си 1эмал, а псор пщ1ыхьэп1эт,
Уэ успэжыжьэщ нобэ,си гур хощ1.

Пщ1ыхьк1э узыхуей псор жып1эф щытамэ,
Сыту бжезмы1а куэд уэ ныбжес1энт.
Сэ а жыс1энум уэ ухуейуэ сщ1амэ,
Абы хэк1ып1э гуэр къыхуэзгъуэтынт.

13.11.2020гъ


Рецензии