Зи мы1уэху зезыхуэм деж- на кабардинском
Хэтщ мыук1ытэм сэ сигъэук1ытэн.
Къызе1уэк1ыр сызэрыщытынур,
Езыр имыщ1эу зэрыхуейр гъэсэн.
Сэ куэду си щхьэм илъщ гупсысэ дахэ,
Сэ зесхуэу си мы1уэхуи сыщымыт.
Сигу иримыхь сыхуэзэм дызочыхыр,
И гъуэгу къыпэск1ухьыну сэ сыхэтщ.
Уэ уигу ирихькъэ си дуней тетык1эр?
Щытык1эр,си псэлъэк1эр уф1э1ей?
Си деж щиухкъым дунеишхуэм ик1эр,
Бгъуэтынущ нэгъуэщ1 гъуэгу уэ куэдык1ейу.
Ц1ыхум уэ лей епхам,ар щ1эпхъумэну
Къэплъыхъуэу къуаншэр,япэ зыбогъэщ.
Ит1ани уэ ухэтщ сабий бгъэсэну,
Нэхъыжь-нэхъыщ1э уэ умыщ1э пэт
Уэ уи жьэм псалъэ ек1у къыжьэдэк1ыну?
Уэ уи бзэгупэ дахэ къыпык1ын?
Шэрэзщ уэ бзэгум ип1эк1э уи1энур,
Щхъухь дыдж ф1эк1а абы сыт къыпык1ын?
Пщэдджыжьым кьэушам ф1эхъусым ипэ
Шэрэзыр япэ къощри щхъухь еут1ыпщ.
Блэ уэну къэтэджам мэсыс бзэгупэр,
И щхъухьыр идзмэ,ар хуэмей нэгъуэщ1.
Къеут1ыпщыр псалъэ,къыпщодыхьэшхыжри,
Игу пхуэзэгъауэ и гъуэгу тоувэж.
Жи1ахэр ф1эгубзыгъэу къыщохъужри
Езым ещхьыпсхэм ар къахуе1уэтэж.
Си дежк1э уэ ухъунукъым жагъуэгъуи,
Ныбжьэгъуи зэи уэ усхуэмыхъун.
Зэгьащ1э: куэдрэ уэм,шэрэзри мэгьур,
Алыхьым ищ1 ар уэ къыбгуры1уэн!
Уэ къэбгъэщ1акъым гъащ1эм и зы ныкьуи,
Сызыхуэзами уэ ухуэмыза!
Зыхомыщ1ык1ым куэдрэ уеныкъуэкъумэ,
Уэ къыплъысынщ,зэгъащ1э, къэблэжьар!
Сэ схэлъщ ук1ыти,сэ схэлъщ шынэ гуэри,
Сыц1ыхущ сэ, сэ уи гъуэгуи сытемыт.
Мыхъумыщ1э къыбжи1амэ уэ зыгуэрым,
Щыхьэт нэпц1 уэ ухуэхъуну ухэмыт!
03,11,2020гъ
Свидетельство о публикации №121012609564