Сыкъытебнэу гъуэгум уемыжьэж на кабардинском

Сыкъытебнэу гъуэгум уемыжьэж,
Сыпк1элъыплъу уэ сыкъомыгъанэ.
Гуауэ сэ бжес1ам сыхущ1огъуэж,
Щ1ы уи ф1эщ, сэ пхуэсщ1къым зы гукъанэ.

Сыц1ыхубзщ сэ, сф1эф1щ зызгъэгусэну,
Сэ сф1эф1ыпсщ уэ укъызэубзэну,
Уи гулъытэр сф1эф1щ сэ зыхэсщ1эну,
Ауэ сф1эф1щ уэ тк1ийуи ущытыну.

Сызыхуейр сэ,пэжу, сымыщ1эж,
Уэ уубзэм усф1эгуащ1эмащ1эщ.
Псомк1и уэ укъуаншэу къысщохъуж,
Уэ уубзэу пхьын къысф1ощ1 уи гъащ1эр.

Мыр нэхъ тк1ийуэ щытыгъам арат-
Си щхьэм сэ сеуэжу зэм жызо1э,
Уи щхьэм ибубыдэу зы мурад,
Абы унэсыхук1э уэ ухуе1эу!

Къызэубзэ ик1и къысхуэтк1ий,
Мис иджы къэсщ1ащ сэ сызылъыхъуэр.
Уи убзэныр уэ умыгъэп1ий,
Уи тк1иягъми уэ сомыгъэлыгъуэ.

Сэ дапхуэдэу сыщытын ухуей?
Гуапэу,щабэу е цыжьбанэм хуэдэу?
Укъиу1эу псалъэм узыхуейр?
Сыкъыпхуэмыгъэшу е сыбыдэу?

Уэ ухуейм схуэщабэ е схуэтк1ий,
Дэ дызэмыгъусэу гъащ1эр тхьыфкъым.
Уэрыншауэ гъащ1эр щ1ы1э1ейщ,
Зыр зым дыкъыхуэту дыпсэуфкъым,

2020гъ


Рецензии