Си къэшэн уэрэд на кабардинском языке

1. Гъащ1эр хуэмурэ йок1уэк1,
Жэщи махуи щызэблок1.
Услъагъуну си нэ къок1,
Сыпхуэзэшу нэху сыкъок1.

Ежьу

Псы1эрышэр мэ1ущащэ,
Си къэшэным сыхуоплъэк1.
Умыук1ытэ,си дахащэ,
Уи щхьэр, си псэ, йомыхьэк1.
Си гур уэрщ сф1эзыхьэхуар,
Уэрщ си жейр сэ стезыхар(с1ызыхар).
Си лэгъунэр зэ1ухащ,
Ар зыпэплъэр уэ зыращ!


2. Нэ къуэлэнхэм сахьэхуащ,
Псоми уэ уакъыхэсхащ.
Феуэ 1эгум, дывгъэджэгу,
Лъагъуныгъэр мы1уэху джэгу.

3. Жыгым бзухэр щобзэрабзэ,
Лъагъуныгъэр уэ къоубзэ.
Зы зыдгъэщ1и псэр гъэтынш,
Си гум си пси уэ уэстынщ.
(Схуэдэ уэ умыгъуэтын)!

4. Ди насыпыр зы дыгъэщ1,
Си гур,си псэ,хомыгъэщ1!
Зэ 1уплъэгъуэк1э къызже1э:
"Сэри си гур уэрщ зыхуе1эр!".


15.10.2020гъ


Рецензии