Щхьэ сегупсысрэ къызэмыгупсысым? на кабардинском
Щхьэ зигу симылъым хущ1эзгъэк1рэ нэпс?
Гупсысэк1э ди гъащ1эр ещхьщ дэ псысэм,
Къытщохъур къабзэу, ещхьу ар псынэпс.
Ф1ыуэ тлъэгъуам езым дэ дыкъилъагъукъым,
Дэ дымылъагъум нэр ттримыгъэк1.
Дэтхэнэм дэтлъагъунри гук1э тлъагъукъым,
Блэк1ам иужьым нэпс хущ1ыдогъэк1.
Зы чысэм я псэр илъу зэрышами,
Щыпсэууэ чысэм благъуэ къахущ1ок1.
Апхуэдэхэр мымащ1э нобэ хъуами,
Куэдк1э нэхъыф1у ф1ыр къыщ1ызогъэк1.
Дахащэщ щ1алэгъуалэр,уа1уплъамэ,
Гур къогуф1ык1ыр,нэхэм замыгъэнщ1.
Къыу хужьым ещхьу ишэщ1ауэ дамэр
Насыпыр къащхьэщытщ,защимыгъэнщ1.
Уэ узэлъэ1ум нэхъ къолъэ1ущ нэхъыф1ыр,
Дэ къыдэубзэр къохъур щытф1эмыф1.
Къоубзэрщ зи бзэр дахэу узыгъаф1эу
Къыбдэпсэунур,къыхэпхмэ ар нэхъыф1щ.
1уит1бзит1мэ-щэ?! Абыи догупсысыр,
Ит1анэ гъащ1эр пц1ы1уэпц1ышэу пхьынщ.
Аращи,мэхъу куущэ ди гупсысэр,
1уданэ зэрыхъар пхузэрыхын?
Аращи 1уэхур дощ1ыр дэ хэплъэгъуэ,
Хэк1ып1э щыдмыгъуэту дэ къытщохъу.
Къэубыд зы к1апи 1уданэ зэрыхъэм
Ар дахэ дыдэу щызэхэк1и къохъу!
Сентябрь, 2020гъ
Свидетельство о публикации №120091601810