Дапхуэдэу гъащ1эм дыдэхъун? на кабардинском
Ди 1уэху хэмылъу куэд абы щок1уэк1ыр.
Гуф1эгъуэ гузэвэгъуи зэбгъэдэлъщ,
А псори щхьэхуимыту нэгум щ1ок1ыр.
Дегъагъ зыгуэрым нобэ гур хигъэщ1у,
Дыдейми дыдымейми гур щ1оуз.
Долъагъур махуэ къэс зи гъащ1эр хэщ1ыр,
Дащ1ащ ди щ1алэгъуалэм дэ гууз.
Къызэплъэк1ыжи,йок1уэк1 ди гуф1эгъуэр,
Сабий кьалъхуащ е унагъуэщ1э хъуащ.
Зэм ди хьэдагъэщ,зэм ди хьэгъуэл1ыгъуэщ,
Алыхьырщ зыщ1эр къытпигъэт1ылъар.
Дыхуиткъым зыми,Алыхьышхуэрщ ***тыр,
Ауэ ит1ани уежьэу ущымыс.
Къыппигъэт1ылъхэм уэ хэплъыхьи ***ту
Плъэк1ынур щ1э уэ,уи зэманым щысхь.
Зэпытшми ,ди зэманыр псынщ1эу мак1уэ,
Мы гъащ1эм къуиту хъуам хэщыпыхьыф.
Зы 1уэхум иужь иту адрейр кьок1уэ,
Акъылри абы уэ хуэгъэлэжьэф.
Къарур пэлъэщкъым псоми,жы1эгъуаф1эщ,
Уэ хуэмыхуагъэм зыдомыгъэхьэх.
Дунейр щымытми нобэ псэугъуаф1эу,
Ди гъащ1эр сытк1и дэ пы1эзэф1эхьщ.
Япэ уищамэ,къыпк1элъоплъ ней-нейуэ,
Иужь укъинэм,хэтк1и ухуэмыхущ.
Удэтым якум уэ,зомыгъэхъейуэ,
Апщыгъуи уакъыщохъу къыпф1эмы1уэху.
Слъэк1ынур сыт?Сыт си щхьэм хуэфэщэнур?
Мыпхуэдэу сщ1ымэ,1уэхур дауэ хъун?!
Допсэу апхуэдэу дэ,дымыщ1эу тщ1энур,
Дапхуэдэу гъащ1эм, тщ1эркъым,дыдэхъун?!
Сентябрь,2020гъ
Свидетельство о публикации №120091601642