Вагъуэ ц1ык1у

1.Жэщ уафэгум къолындык1ыр
Вагъуэ жыжьэхэм я нэху
Си гур хохъуэр, сыноплъыхук1э
Согумащ1эр, угуф1эху.
Богъэдахэр уэ си гъащ1эр
        Уэ си гъуэгур богъэнэху
       Вагъуэ ц1ык1ум  урипапщ1эщ
       Ущыгуф1эм деж, си нэху!

Пр.  Запымычу къысхуэгуф1э
        Сыкъэгъапц1э , сыдэхьэх
        Сэ  си вагъуэр насыпыф1эщ
        Ф1ыуэ слъагъур  узи1эху   
Сыкъэгъапц1э, къысхуэгуф1э
Псалъэ 1эф1к1э сыдэхьэх
Сэ си вагъуэр насыпыф1эщ
Ф1ыуэ слагъур сигъусэху!
               
      
     2.Уэзыращ сэ ф1ыуэ слъагъур
     Сызыхуейри уэзыращ
     Уи нэ лындхэм нахущ  вагъуэу
     Дуней псор  къагъэдэхащ.
Богъэхуабэр  уэ си гъащ1эр
        Уэ си гъуэгур богъэнэху
       Вагъуэ ц1ык1ум  урипапщ1эщ
       Ущыгуф1эм деж, си нэху!

Пр.


Рецензии