Лъэгъуныгъэм и макъамэ песня на кабардинском языке

1. Дыгъэм  бзийхэр япэ  нуру
 щ1ылъэм къиут1ыпщащ
Лъэгъуныгъэм и къарур
Нобэ зыхэсщ1ащ
Нэ къулэнхэр сэ  къызоплъыр,
си псэм толъэщ1ых1.
Си гум же1эр, дэ  къытпоплъэр
Гъуэгу насып мыух!

Пр. Гъатхэ бзухэм  я  мэкъамэр
       Дэнк1и  къыдо1ук1.
       Лъэгъуныгъэм и жыг жьауэм
       Зэй  укъыщ1эмык1.
       Уэ си гъуэгу  утеувамэ
       Гугъэр  къэгъэпэж .
       Лъэгъуныгъэм и мэкъамэу
       Гъатхэм  къегъэзэж.

2. Мэщ1эращ1эр удз 1эрамэр
Ар уи 1ит1ым къащыпащ
Ди  гуф1эгъуэу  си уэрамым
Нобэ уэ  укъыдыхьащ
Нэ къулэнхэм сэ  сыщ1оплъэ
Си  пщьдейм и нэк1ум соплъэр
Си гум же1эр, ар уэращ -
Льэгъуныгъэ дахэращ.
Пр.


Рецензии