Гугъэм дещ1ыр дэ бэшэч на кабардинском
Ихъуреягъыр псори 1ейщ.
Гум имылъмэ мамырыгъэ,
Дуней псори шэчыгъуейщ.
Гум имы1эмэ къабзагъэ,
Плъагъуу хъуахэр уэрк1э ф1ейщ.
Гум имы1эм гурыф1ыгъуэ,
Ар им пщохъу маф1э лыгъейм.
Щымыпсэумэ гум 1эф1ыгъэ,
Дыдж къвпщохъур фошыгъу шейр.
Гъащ1эм хэтмэ дыджыгъэ,
Пф1ощ1 плъагъу псори лъагъугъуей.
Лъагъуныгъэ, мамырыгъэ,
Псэ къабзагъэ,гу бэшэч,
Гурыф1ыгъуэ,шы1эныгьэ-
Уи гум илъмэ,куэд бошэч.
Уи гум гъуэ щищ1амэ гугъэм,
Уэ абы куэд уегъэшэч.
Гугъэм и1экъым ухыгьэ,
Ауэ уещ1 абы бэшэч!
16.05.2020гъ
Свидетельство о публикации №120060209401