Лъагъуныгъэр уи гум щыжеямэ на кабардинском

Лъагъуныгъэр уи гум щыжеямэ,
Уимыгугъэ,ар пф1эмык1уэдын.
Абы Уи гур зэ иубыдыгъамэ,
Тыншу гур абы имыут1ыпщын.

Ар мэжей,къомыгъэуш,ухуейкъым,
Уэ гъуэгу узытетым ар щылейщ.
Зэман быут1ыпщам уэ уи гур хуо1э,
Ауэ ар иджы гъуэтыжыгъуейщ.

Лей хъур гум уэ къипхыжыфу щытамэ,
Укъисхынти уэ ухыф1эздзэнт.
Сымыщ1эххэу зэгуэр сып1уплъами,
Уэ ухэтми укъэзмыщ1эххэнт.

Хьэуэ, хьэуэ,ар ит1анэ гъащ1э?
Ди блэк1ахэрщ дэ 1ущ дызыщ1ар.
Зэ п1ейтейуэ гум зыкъуимыгъащ1эм
Зыми щыщкъым гъащ1э къэбгъэщ1ар.

Гур зэгуэр зэрыпхьэхуар сэ сщ1эжу
Си гу лъащ1эм жыжьэу щрепсэу.
Сэ мы гъащ1эм сыщыпхуэмызэжми,
Дыздэк1уэнум,жа1э,псэхэр псэущ.

Дызэрыгъуэтынщ,ди Тхьэшхуэм ещ1э
Гу къабзагъэу дэ зэхуди1ар.
Гъащ1эр къытхущ1эк1ми куэд е мащ1э,
Здэтхьыжынщ гухэлъ зэхуди1ар.

16.05.2020гъ


Рецензии