Анэгу на кабардинском

Сэ ф1ыщ1э жыг сыхуейкъым схухэпсэн,
Уэ уафэми къысхуомыхьэх зы вагъуи.
Схуомышэ хьэри псафэ,сыкъелынщ,
Уи псалъэ гуауэм гур йомыгъэлыгъуэ.

Анэм игу-и псэр быным хуэунэт1ащ,
Гуузыр махуэ къэск1э нэхъ мэбагъуэ.
Уи псалъэ закъуэм нэпс къригъэк1уащ,
А псалъэ закъуэм 1эпкълъэпкъ псор егъагъыр.
Гъэ1эсэ жьэр,анэгур быу1ащ,
Абы къыпытк1ур зым имыгъэувы1э.
Жып1ар уэ пщыгъупщэжри уежьэжащ,
Гу маф1э зыщ1эбдзар зэгуэр къэувы1эм...

Жып1энущ:сыт а псор къызыхэк1ар?
Хэт апхуэдизу епыджар анэгум?
_Уэ Уи жьэм псалъэ гуауэ къыжьдэк1арщ,
Аращ зыщ1ар у1эгъэ анэм и гур.

Удз гъуам уэ сенычыпэ щыхуэпхьам,
Абы хэт удз гъэгъам уэ гу лъыптакъым.
Угубжьу мыхъумыщ1агъэ щыжып1ам,
Анэгум ар зэреуэр зыхэпщ1акъым.

Зыф1ыгъ, зыфшы1э,гуауэ къэвмыпсэлъ,
Уи псалъэр бзущи, зэф1эк1ащ лъэтамэ.
И нэгур къигуф1ык1ми ар гум илъщ,
Уи гущ1эм адэ исщ зыщиудыгъуауэ.

16.04.2020гъ


Рецензии