Апхуэдэщ гъащ1эр на кабардинском
Адрейми игу згъэзагъэу сышхыдащ.
Зыгуэрми и щэху гуэр къыщ1эзгъэщащ,
Еда1уэри гур загъэу т1ысыжащ.
Жеифтэкъыми,зыр къызэдэ1уащ,
Адрейм еджэн нэхъ къищтэри еджащ.
"Мы макъри дыужэгъуащ!"-сэ къысхужи1эу
Адрейм си усэ дахэр 1уихыпащ.
Апхуэдэщ гъащ1эр, ц1ыхухэр зы зэмыщхь.
Зыр къыпхуогуф1э,плъагъур зым и нэщхъщ.
Зым жимы1эфми,и гум илъщ ф1ы защ1э,
Адрейм и дахэмк1э уи гъащ1эр пф1ызэ1ещ1э.
Зэм ф1ыуэ уэ плъэгъуари мэк1уэдыж,
Ухуейм къэлъыхъуэ,ар умыгъуэтыж.
Ц1ыху 1ейр уи пащхьэ жэщи махуи итщ,
Ар къыпхуэгуф1эурэ къыщ1ок1 уи мащэр къит1.
Куэд 1ейрэ гупсысэшхуэм сэ сеубыд,
Дзэлыфэр 1ейм,ар тц1ыхуми,худот1.
Дыхуейми дыхуэмейми дыфэрыщ1щ,
Ар дымылъагъуми, ф1ыуэ тлъагъу зыдощ1.
Нт1э иджы къызжеф1эт,сыц1ыхуф1?
Сэ гук1э псоми къызолъыхъуэ яф1.
А ф1ыуэ сымылъагьум сыт есщ1эн?
Сыхуэмызэну дэнэк1э сык1уэн?
Ит1анэми къызжеф1эт,сыц1ыху 1ей?
Слъагъуну ахэр зык1и сыхуэмей.
Сэ махуэ къэск1э ахэр гъусэ схуохъу,
Апхуэдэщ гъащ1эр,сэ задызогъэхъу!
29.04,2020гъ
Свидетельство о публикации №120053008903