Сэ си гъащ1э на кабардинском

Гъащ1э,гъащ1э,сэ си гъащ1э,
Зыкъыстомыгъащ1э!
Уи хъыринэм т1эк1у иджыри,сынолъэ1у,сегъащ1э.
1эф1у уи1эр,сэ си гъащ1э,
Псори зыхэсщ1акъым.
Сызэхэпхрэ?Сэ иджыри куэдым сынэсакъым.
Сызыхуейуэ хъуар си бынхэм
Псори яхуэсщ1акъым.
Къыздалъхуахэм ноби,гъащ1э,
Сэ защызгъэнщ1акъым.

Зэм си жагъуэ къэзыщ1ахэм
Сэ закъезгъэщ1акъым.
Ар жыс1энми жызмы1энми
И унафэ сщ1акъым.

Зы зэман зи жагъуэ сщ1ахэм
Сэ са1ущ1эжакъым.
Сэ сыкъуаншэу сыщытами,
Зызумысыжакьым.
Си гум щызгъэпщк1уа гурыщ1эм
Гъащ1э сэ естакъым.
А гурыщ1эр зыхуэфащэм
1эрызгъэхьэжакъым.
Гъащ1э,гъащ1э,сэ си гъащ1э,
Дапщэми,умащ1эщ.
Илъэсищэ къэдгъэщ1ами,
Ди гур мэпэщащэ.
Гъащ1э,гъащ1э,сэ си гъащ1э,
Зыкъыстомышащ1э.
Уи хъыринэм т1эк1у иджыри
Сынолъэ1у,сегъащ1э!

28.04.2020гъ


Рецензии