Хэт деж

    /Незнакомка/
Къемыхами си нэбдзыпэ,
И кIэр фIыкIэ иухащ,
Белджылыуэ укъыхэщу,
Хьэлэмэту усэ стхащ.

Уэ нэхъыфIу ущIыхуатэм,
Нэхъ къулейуэ ар схуэтхынут,
Сыхэпткатэмэ уи "штатым",
Псом нэхъыфIу услъагъунут.

Бжьыхьэ жэщым гугъу сэхьами,
Хьэуи-цыуи ар къиздзакъым,
Нэчыхьытхым дыкъыщыфэм,
Уэ умыщIэу нэ птеслъхьакIэт.

Ижьыр, уэсту, - сыпхуеплъэкIыу,
СфIэфIу сэ сыкъыбдэфащ,
ПшынэIэнэр щIэуэм жисIэу,
Гузавэгъуэм сыхэтащ.

ХьэгъуэлIыгъуэм кIэ игъуэтри,
Псори я пIэм изэгъащ,
Си гум уэ укъиридзащи, -
Сыроплъэжыр дауэ - дапщэм...

Уэ ди жылэм удэсатэм,
Фи деж лъыхъухэр нэзгъэкIуэнут,
ЖаIащ къалэм ущыпсэуэ, -
Абы хэт деж секIуэлIэну.
                1974 гъ.


Рецензии