Гъусэ

Мэкъум щыIауэ дадэр,
Ешауэ Iэнащтэм къокIыж,
КIэпIинэхэм ясейящи дыгъафIэр?
Къуажэ Iэхъуэр Къуэ куум
            къэмыкIуэж.

Жъыбгъэр шэджагъуэм ятэри,
Iэтэр щIыгъуейуэ ящIащ,
Жьыпэу зэ хъуным ежьатэм,
Iэмбатэхэр губгъуэм къинат.

И къуэрылъху цIыкIур "къуещIейми",
Нобэ сэбэп къыхуэхъуащ,
Тхьэр аразы къыхухъу-сэбийм,
IуэнтIар зэгъусэу хэлъхьащ.

Хьет! - жиIэу гъусэ ар хуэмыхьуатэм,
Iэтэр хуэгъувырэт сытымикI,
Мэкъум тетын уимыгъуcэм -
Махуэр щыжьапщэм: уи бийщ.

ДыгъэмыхъуэмкIэ къызэщIэуфIыцIащи,
Нобэ уэшх къешхынри хэлъщ,
Мэкъур зэщIэкъуа хъуащ уэфIыуи,
АдэкIи, Тхьэм жыхуиIа хьунщ!

Гъэ кIуам и мэкъур ядыгъури,
Гугъусыгъуу щIымахуэм текIащ,
ГъуэнэгъуфIхэ уиIэнщ уи нэсыпым,
Ахэм я фIыщIэкIэ Iэщхэр къызэтенащ.
                Заикъуэ, 1973 гъ.


Рецензии