Гур дэщэ1уу, щ1ыр дэгызу... на кабардинском

Гур дэщэ1уу, щ1ыр дэгызу
Зауэ бзаджэ ек1уэк1ат.
Жьыи щ1эи зэхимыдзу
И дзэр илъу къытхуэк1уат
Нэмыцэдзэу хьэ1уцыдзыр,
Маф1эр ди щ1ым къыщ1адзат.
Къа1эрыхьэр зэбградзу
Мылъкуу ди1эр хаутат.
Гъуанэдэуэу къыттеуахэм
Щтэ1эщтаблэ дэ дащ1ат.
Дэ ди адэм я адэжхэр
1эщэ къащтэри ежьат.
Ди шуудзэр псэемыблэу
Зауэ гуащ1эми хэтащ,
Хэкум хуа1э лъагъуныгъэр
Я гум щыблэу яхъумащ.
Жэщи махуи,хуаби щ1ы1и
Я псэхэм емыблэжа.
Ямыщ1эххэхэу здэщы1эр
Щ1ып1э куэд ***т ящ1ыжащ.
Илъэсипл1к1э мыувы1эжу
Зауэ гуащ1эр ек1уэк1ащ.
Ди ц1ыху куэди дыгу1эжу
Зауэ дыджым хэк1уэдащ.
Ауэ къахьащ тек1уэныгъэр,
Нэмыцэдзэр щ1эпхъуэжащ.
Ялъэгъуауэ дэ ди л1ыгьэр
Къызэплъэк1ыурэ к1уэжащ.
Тек1уэныгъэр къэзыхьахэм
Лъахъшэу щхьэщэ дэ фхудощ1!
Тхуэфхъумахэщ фэ ди Лъахэр,
Тхьэм фхуэфащэ щ1эблэр дищ1!!!

10.04.2020гъ


Рецензии