Къыдетыр лъагъуныгъэм къару лъэщ на кабардинском

Сэ сигу къэплъам уи уэшхыр къытешхэжкъым,
Жьы дригъэхуу псэ къысхимылъхьэж.
Уи дыгъэр, щ1ы1эм сисми,къыстепсэжкъым,
Сызыгъэхуабэ псалъи къэмы1уж.

Нит1ым сыщ1эплъэм,изогъэщхь абджыпсым,
Жып1эну узыхуейхэр къызоджык1.
Абджыпсщи нэр,гурылъыр зэтощащэ,
Нэхэр къызэплъми,уи гур сэ зблоплъык1.

Ауэ зыгуэрк1э жьышхуэ къыкъуэуамэ,
Уи деж сэ зыгъэпщк1уп1э щызогъуэт.
Къутауэ щытми нобэ уэ уи дамэр,
Уи щы1эныгъэм сэ къару къызет.

Ещхьу сабийм сэ зызошыхьри хуэму
Си щхьэр уэзгъэщ1у гъунэгъу зызощ1ыф.
Щхьэщызогъэк1ыр щэхуу пшэ гуэрэныр,
Гур мывэ хъуами,сэ сегъэхуэбэф.

Къэтк1уащ гъуэгу к1ыхь,дыджалэм дытэджыжу,
А гъуэгу къэтк1уам и дыркъуэ ноби ттелъщ.
Си гуауэ пщ1ахэр псори сщогъупщэжыр,
Уэ уиф1у хъуар сэ псори си гум илъщ.

Ди ф1ыр нэхъыбэщ ,щрырет апхуэдэу,
Къыу зэпсэгъуит1ым хуэдэу гъащ1эр тхьащ.
Щымытыгъамэ лъагъуныгъэр быдэу,
Псы уэрым гущ1эгъуншэу ар ихьат.

Ди гъуэгум ик1экьым,иджыри ди1эщ,
Ар щэхуу си гум сэ къысхуе1ущэщ.
Дынэмысами дэ мураду ди1эм,
Къыдетыр лъагъуныгъэм къару лъэщ.

22.02.2020гъ


Рецензии