Къилъхьэ уи гур сэ си 1эгум на кабардинском
Сыгъэгъэхуэбэж!
Сыщ1эгъаплъэ уэ уи нэгум,
Укъэзгъэлъыхъуэж!
Псалъэ дахэу къызжеп1ари
Къызэщ1эзгъэкъуэж.
Гуауэ гуэр къыбжьэдэк1ами,
Ар сыгъэгъэпщк1уж.
Гъащ1эм щ1ыбк1э уэ уидзами,
Зэ дегъэлъэ1уж!
Уафэм фагъуэ щыхъуа вагъуэр
Дэ щ1эдгъэгъэнэж.
Дэ ди гъащ1эм хэлъа дахэр
Дэ къэдгъэщыпыж.
Ди 1эхэр зэрыдгъэубыди
Гъуэгу дытегъэувэж!
03.02.2020гъ
Свидетельство о публикации №120021507201