Си адэ

Умыгумэкl си Адэ лъапlэ
Сытхуэду щытми мы дунеир
Схуэлэкlу тезмыхын уинапэр
Уэра си гъашlэм и пщэдеир

Сэ гъэсэныгъу къысхэплъхьар
Лэбэпсу рожэ лъым хэмыкlу
Уэ адыгэлlу узыпlар,
Щысэтехыпlу сэ къызгокlэ

Дунеир вэркъмэ, уэ уижьау,
Сыкъычlохьажьыр, унэм хуэду
Уищыlэныгъэм, псэр хуэтау,
Сыдэльэжьэн, сэсер дыхэту

Уэра синобэм игукъэкl
Уэра гупшысэр зыхуэлъатэр
Къару сиlэху,
Сиlэху сэ лъэкl-
Сыуигъусэнэ рену, Адэ.


02.02.2020
къ. Тэхъутэмыкъуай


Рецензии