Си гум ноби усхуиут1ыпщкъым, си анэ! на кабардинск

Махуипщ1ым хуэдэщ,си анэ,илъэсипщ1ыр,
У1эгъэр мыхъужауэ къызоуз.
Уи вагъуэр уафэ жыжьэм къыщопщ1ыпщ1ыр,
Си гур увы1эххакъым,ар мэуз.

Си анэ дыщэ, щхьэ гум уимыут1ыпщрэ?
Уэ сытым дежи сэ си нэгу ущ1этщ.
Жэщ уафэм ущыслъагъуу щхьэ къысф1эщ1рэ?
Уи макъ къэслъыхъуэу мы дунейм сытетщ.

1упс бдзар нэмысу щ1ылъэм,ар сощ1эжыр,
Ажалым,си анэ,уэ ут1эщ1ихат.
Тегъухьу мыл ди нэк1ум ежэх нэпсыр
Дэ дыпк1элъыгъыу,ди анэ,удахат.

Сыхуейкъым ди Тхьэм сэ игу къызэбгъэну,
Ц1ыху гъащ1и си анэ дыщэм къигъэщ1ащ
Ит1анэми къэнащ зыкъом жес1эну,
Ит1анэми,ар мащ1эу къысф1эщ1ащ.

Щхьэ махуэ къэск1э сынэмык1уэжарэт?!
Ит1ани,сф1ощ1ыр, мащ1э ар сщыхъунт.
Си гум илъ 1эф1ыр псори бжезмы1арэт?!
Бжезмы1а куэд ит1ани къысф1энэнт.

Къытщохъур дигу илъ псор ди анэм ищ1эу,
Ди нэгум лъагъуныгъэр къриджык1.
Жьы хъуа фи анэм дежк1э ахэр мащ1эщ,
Фэ жеф1э фигу илъ дахэр,евмыхьэк1.

Си анэ щабэ ц1ык1у,си анэ дахэ,
Сэ сщ1эжкъым,уэ мы псалъэхэр бжес1ат?
Уэ узи1эхук1э си дунейр нэхъ лъап1эт,
Си гъащ1эм дахэ куэд уэ къыхэплъхьат

Хьэуэ,бжес1акъым.Нобэ ныбжызо1э:
Уэ упсэухук1э,гъащ1эр нэхъ 1эф1ащ.
Уэ уи хуабагъыр ноби сщыгъупщакъым,
Ар адэ си гу лъащ1эм щызгъэпщк1уащ.

Сигу ууъихьауэ сэ укъыщыслъыхъуэм
Уи сурэт дахэр,си анэ,къыдызох.
Ф1ыуэ узэрыслъагъур ныбжызо1э,
Хуабагъ згъэпщк1уари сэ къызэкъузох.

Гъусэ пхузощ1 си адэр,си дэлъху ц1ык1ур,
Зэгъусэу ф1ыуэ слъагъухэм сыфхоплъэж.
Гукъеуэ лъэпкъ щымы1эу зэман жыжьэм
Сэ зы тэлайк1э ныфхузогъэзэж.

Хъуащ илъэсипщ1,ар зык1и сф1эмымащ1э,
Дыгъуасэ хуэдэу си гур ныпк1элъогъ.
Уи хуабэр сэ къыщ1ызохыжри гущ1эм
Ар си гупсысэхэм,си анэ,щызо1ыгъ.

Ц1ыхуф1у, щабэу утетащ дунейми,
Уэ уи ахърэтыр нэху ди Тхьэшхуэм ищ1!
Си анэ дыщэ,си гум укъэк1ащи,
Уэ 1эпл1э пхуэсщ1у гук1э сэ къысф1ощ1.

Тхьэм жи1э уи псэр уздэк1уам щытыншу,
Тхьэм жи1э уи псэр бынхэм къытщхьэщыт!
Щытащ уэ уди1эхук1э ди псэр тыншу,
Иджы уэ уи псэр дэр щхьэк1э гъэтынш!


21.01.2020гъ


Рецензии