Иугъащ1э адыгэбзэм! на кабардинском

Феда1уэт си бзэм,фызэщ1эдэ1ук1и,
Зэхэфхрэ адыгэбзэм и дахагъыр?
Зэхэфхрэ мащ1эу зэрыхэщэ1ук1ыр?
Зигъэпщк1уурэ иныкъуэхэм зэрыгъыр?

Фэ фщ1эрэ адыгэбзэм и 1эф1агъыр?
Ар зыхэпщ1энкъым уримыпсэлъауэ.
И щэхур пщ1энкъым,уэ уемыдэ1уауэ,
Щабагъыр пщ1энкъым уемы1ущэщауэ.

Дахащэ,ф1ыщэ,си сабий 1эф1ыщэ_
Апхуэдэущ си бзэм сэзэры1ущащэр.
Гуапагъэ,мамырыгъэ,лъагъуныгъэ_
Апхуэдэущ си бзэ дахэр зэрыгъагъэр.

Быдагъэ,щхьэхуещагъэ,нэпсеягъэ_
Аращ ди лъэпкъыр куэдрэ дэ зыгъагъыр.
Зэкъуэтыныгъэ,л1ыгъэ, ныбжьэгъугъэ_
Аращ си лъэпкъыр нобэ зыщыгугъыр.

Феда1уэт адыгэбзэм и дахагъым,
Къабзагъым,и щабагъым,и лъэщагъым.
Хэт дежк1и жыжьэщ,хэт и дежк1и благъэщ,
Хэти и напщ1эм телъу иропагэ.

Хэти егъэф1ыр лъэпкъыр игъэдахэу
Уэрэдк1э,усэк1э е къафэ дахэу.
Е фащэ дахэр ек1уу щызыт1агъэм,
Зымыгъэк1уэд ди куэдщ дэ адыгагъэр.

Сыхуейщ сэ зэуэ псоми зеспщытыну,
Адыгэ нэсу сытк1и сыщытыну!
А псори схузэф1эк1къым,сэ слъэмык1,
Ауэ бзэр хыф1эздзэну сигу къэмык1

Сропсэлъэф сэ си бзэм,сротхэф,
Сэ усэ дахэхэм,уэрэдхэм содэ1уэф!
Сэ сыадыгэщ,ар си дежк1э лъагэщ,
Сэ сыадыгэщи,абы сэ сропагэ!

Сэ жыс1а псори схузэф1эмык1ыну,
Ауэ сэ си бзэр зджыну-ар слъэк1ынущ.
Сэ сощ1э,ари нобэк1э мымащ1э,
Си адыгэбзэм,ц1ыхухэ,иугъащ1э!

Январь,2020гъ


Рецензии