Гъащ1эр-дерсщ! на кабардинском
Сэ си нэпсыр си гумк1э йожэх
Дауи,мэхъур ар сэ къыщыстек1уэ,
Гукъыдэжу хъуар къохъу щыстрих.
Ф1ыщ1эр уэ ууейщ,ди Алыхь закъуэ,
Сэ си бынк1э сымыгузэва.
Узк1э уэ дыбгъэунэхуащ унагъуэр,
Къыщ1эк1ынт зыгуэрк1э къэдлэжьа.
Уэ къыстеплъхьэр сэ къыстемыхьэлъэ,
Нэпсри щ1эх дыдэу мэгъущыж
Быным я пл1эм гуауэ къыдомылъхьэ,
Сытк1и ахэм, Тхьэшхуэ,къащхьэщыж.
Уэ зыгуэрк1э уигу зрагъэбгъамэ,
Бощ1э, ахэр щ1алэщ,ящхьэщых.
Ящ1эрэ щыуагъэ уигу ебгъамэ,
Бощ1э си къарур,ящхьэщызгъэх.
Ар бгъэджалэу нат1эр триудми
Мышынагъуэ,атк1э нэхъ сакъынщ.
Къэмытэджыжыну йомыуду
Къэгъэтэджи,зэ заплъыхьыжынщ
Гъащ1эр-дерсщ,дунейм утетыхук1э
Гъуэгур зэми захуэщ,зэми къуршщ.
Къуршым иу1ауэ лъыр къежэхми,
Къыщ1эгъэк1 насыпыр къапэщылъ!
Ноябрь,2019гъ
Свидетельство о публикации №119122209870