Сэ си анэр си1эжамэ... на кабардинском
Узгъэгуф1эу сынэк1уэнут.
Лъагъуныгъэу уэ пхузи1эр
Сэ си анэ,ныпхуэсхьынут.
Уэ,си мамэ,угуф1энут,
Гуф1э нэпсри къек1уэнут
Уи хуабагъэу къыслъэ1эсым
Си анэ,сэ сигъэхуэбэнут.
1энэр уэ къысхуэбухуэнут,
Уи шхыныф1хэр тез къэпщ1ынут.
Уэ ужэнурэ уи пхъуантэм
Къызэптын усхуэлъыхъуэнут.
Пхъуантэ к1апэм щыбгъэпщк1уахэр
Псори къызэкъуэпхыжынут.
Къысхутеплъхьэр уф1эмащ1эу
Гъэт1ылъыгъэу хъуар къэпхьынут
Зыри сэ сыхуейкъым,мамэ,
Си гъунэгъуу къет1ысэх.
Си щхьэр нытезгъалъхьэ дамэм,
Уи 1э щабэр с1эщ1омых.
Нэхъ ф1ыгъуэшхуи сэ сыхуейкъым,
Т1эк1у,си мамэ,къызбгъэдэс.
Уэ зыбгъэпсэхун ухуейкъэ?
Гъащ1э си1эщ узи1эху.
1э дэзгъалъэ 1э зэлъахэм,
Щхьэц тхъуам сытегъэлъэщ1ыхь.
Уи нэм гуауэ щыбгъэпщк1уахэр
Псым хэзгъадзи езгъэдзых.
Сэ а псори си гупсысэщ,
Ахэр сэ къысф1ыдок1уей.
Гукъэк1ыжхэм уэ урапсэщ,
Сигу укъок1ри узогъей.
Фэ фи махуэщ фыди1эхук1э,
Махуэ ***йкъым хухэхын.
Насып ди1эщ фыпсэухук1э,
Анэр гум пхуимыгъэхун.
Сэ ит1ани а Махуэшхуэм
Мамэ,уэ ухэзмынын.
Сынолъэ1ур нобэ Тхьэшхуэм,
Ф1ыуэ хъуам сянэр хомын.
Уи жэнэтыр хуэщ1 т1ысып1э,
Щ1ы къэмыхъуэпсэн дунейм.
Гум щищ1ащ мамэ псэуп1э,
Ар къэмыщтэу ирежей!
Ноябрь,2019гъ
Свидетельство о публикации №119122209728