Анэр унэм щ1эсмэ, насыпщ на кабардинском

Анэм щхьэк1э сыт къэнар жамы1эу?
Анэм щхьэк1э псалъэр иримыкъу.
Ауэ сэ вжызо1э анэ зи1эм,
Арщ мыжейуэ зы1ыгъар гущэкъу.

Аращ япэ 1э къывдэзылъар,
Щ1ы1и хуаби фыщызыхъумар.
Фымэжал1эм, арщ фхуэгузэвар,
Щабэу жэщ уэрэд къыфхуизышар.

Уи 1эр теудам уэ ущыджэгум,
Анэрщ япэ уэ узэжэл1ар.
Япэ дыдэ ущыхыхьэм джэгум,
Арщ къыпщыгуф1ык1ыу къол1эл1ар.

Уэ зыгуэр ухуей ухъуами нобэ,
Анэм сытк1и уэ зыкъыпщ1егъакъуэ.
Уэ унагъуэ ухъужами тебэр
Зыми щымыгугъыу пхуегъэхуабэ.

Гугъу уехьа?Уэ уп1ыща,си щ1алэ?
Жи1эу ар пщыхьэщхьэм уэ къыппожьэ.
Анэр сытым дежи уэ къол1ал1э,
Псалъэ дахи сытым дежи йожьэ.

Хуэфщ1 гулъытэ анэхэр фи1эхук1э,
Фэ фи псалъэ дахэм фыщымысхь.
Фысабийщ фэ анэхэр фи1эхук1э,
Фэр щхьэк1э анэр зыми щымысхь.

Зевгъэл1ал1э анэхэр жьы хъуамэ,
Сабийм хуэдэу псалъэ дахэ ***йщ.
Зэрымыщ1эу и нэпс къевгъэк1уамэ,
Уэ уи 1эпл1э закъуэращ зыхуейр.

Фыхуэщабэ анэм, фыхуэ1эф1,
Мыхъуми псалъэ щабэк1э вгъэгуф1э.
Ар уи1эхук1э мы дунейри 1эф1щ,
Фимы1эжмэщ ар къыщывгуры1уэр.

Анэр унэм щ1эсмэ,ар насыпщ,
Анэр унэм щ1эсмэ,гур мэзагъэ.
Фымыгъагъ фи анэхэр псэуху,
Ар фи1эхук1э,фи дунейри гъагъэщ!

Ноябрь,2029гъ


Рецензии