Къэхъунщ апхуэдэ зы зэман на кабардинском
Зэхэлъщ и нэщхъыр бжьыхьэм.
Щхьэгъубжэм тк1уэпсхэр къопэщэщ,
Пхуэбжынукъым и бжыгъэр.
Хэти гуф1эгъуэм къыдотэдж,
Мурадхэр и гум илъу.
Хэт и щхъуэфэцри мэтэдж,
Гузавэм химыгъэлъу
Хэт и гухэлъыр ф1эк1уэдащ,
К1элъы1эбам нэмысу.
Хэти зыхуейр къыхиудащ,
Куэд1ейрэ мыгупсысэу.
Хэти и шхыныр хуабэу тетщ,
Гукъеуэ лъэпкъ имы1эу.
Хэт ныбэ нэщ1ым и 1эр телъщ,
Гугъап1э зы щымы1эу.
Хэти гугъап1эхэр и куэдщ,
Имыщ1эу къыхихынур.
Хэти ихъуреягъыр шэдщ,
Абы хэт зэприхыну?
Мы щ1ы хъурейр гъэджэрэзам
Арат зэхэзэрыхьу.
Псори зэхуэдэ хъуам арат,
Нэхъыф1ым нэхъ 1ейр здихьу.
Ит1анэ зэхэзэрыхьынт,
Зэхуэдэу ф1ы хъунт псори.
Уэлбанэри ек1уэтэк1ынт,
Къыхыхьэжынти и псэр.
Къэхъунщ апхуэдэ зы зэман,
Дынэсми дынэмысми.
Зым къыдэмык1ыу и зэман
Дыздэпсэунт тф1эф1ыпсу
Октябрь,2019гъ
Свидетельство о публикации №119122208728