Нобэ уи махуэщ, си лъагъуныгъэ! на кабардинском
Си гуи си пси уэ уи лъагъуэм тетщ.
Си лъакъуит1ыр нэгъуэщ1 щ1ып1э мак1уэ,
Ауэ лъагъуныгъэр Уи ужь итщ.
Нобэ къэск1э гум ущызогъаф1э,
Ноби уэ сэ си гур къыпхуолъэт.
Сыхуэзащ дунейм уэр нэхъ нэхъыф1и,
Ауэ гур мыда1уэ,ныпхуоплъэк1.
Уэ къыббгъурытат си лъагъуныгъэр
Нэк1э къодэхащ1эу ныпхуеплъэк1т.
Уэ къептыжт жэуап пхузи1э гугъэм,
Сыкъэплъагъурт ф1ыуэ,уигу сыкъэк1т.
Сытыт къыпщащ1ар?Сытт пхуэжымы1эр?
Е нэгъуэщ1ым уэ удихьэхат?
Хъуатэкъым ди лъагъуныгъэр щ1ы1э,
Уэ зэманым ар п1эпигъэхуат?
Хэтт зыдэбгуэшар ди лъагъуныгъэр?
Сэ уэста гухэлъыр хэтт зэптар?
Уэшх нэужьым къыщ1эк1 лэгъупыкъур
Пшэ ф1ыц1эжьым щхьэ щ1ебгъэлъэфа?
Си ужь уиту щхьэ унэмык1уарэт?
Щхьэ си лъагъуэм уэ усф1ытек1а?
Хъыджэбз хабзэу т1эк1у зызгъэпхъэшами,
Уэ нэхъ бзаджэу ущытын ***ят.
Нобэ си гур зык1и мыгугъэжми,
Хабзэм тету Уи лъэужьым итщ.
Уэ уи псалъэ дахэ семыжьэжми,
Сытым дежи уэ си нэгу ущ1этщ.
Уэсым унэ трещ1ыхь щхьэ щ1ы1ум,
ЗЫ ф1ыц1агъэ ц1ык1у щомылъагъуж.
Абы щхьэк1э си гур хъуркъым щ1ы1э,
Ар игъэт1ылъам егъэхуэбэж
Егъэхуабэ зэм си1а си гугъэм,
Егъэхуабэ гухэлъ пхузи1ам.
Нобэ уэ махуэщ лъагъуныгъэм-
Гущ1эгъуншэу дыкъэзыгъэпц1ам.
Сэ ит1ани ф1ыщ1э хузощ1ыфыр
Лъагъуныгъэу пц1ы къыттезылъхьам.
Ар насыпщ:сэ ф1ыуэ солъагъуфыр,
Ф1ыуэ щы1эм сигу хузэ1ухащ.
Сентябрь,2019гъ
Свидетельство о публикации №119121809163