Улапэ

Дыгъэр къыщыкъуэкIыр уилъэныкъуэ
Мазэм идыжьыныр уиуэсэпс
Сыдэплъемэ вагъу изыныкъуэм,
Бислъэней лъэпкъэгъу къысхухэпс

Жъыу:
Улэ-Улапэ лъэпкъым ихапlэ
Сижьылэ гупсэу сызеи;
Улэ-Улапэ адыгэ напэ
Къызогъэзэжьыр уиде
Улэ-Улапэ - си адэ лъапlэ,
Си анэм ухуэдэ Уэи;!
Улэ-Улапэ сыбогъэхуабэ
Сигъашlэ пстори уэуеи;!

Лабэр пщынэ макъкlэ къобзэрабзэ
Джэщи, махуи ар сэ зэхызох
Сэ къыбдызоlыгъ Адыгэ Хабзэр
Абы ищыlэкlэ къэгъэнэху.

Сокlуэ! Сокlуэ сэ Улапэ!
Губгъом lаплlэ хуабэ есщэкlын
Уиурам зэхэкlхэр сэ сикlуапlэ
Уидэхагъэр гум къылъыlэсын.

къ. Улапэ
17.12.2019 илъ.


Рецензии