Псэу, къэппсэур пфIэмащIэу!

Си гум илъыр хэт ищIэн,
Сэ езым сымыщIэм?
ГъащIэр дауэ сфIэмэщIэн,
IэфIыр зыхэзмыщIэм?

Жыгым тхьэмпэ пыщэщын
Гъатхэм мыгъэгъамэ?
Ныбжьым хэти пэлъэщын,
Жьыгъэр къэблэгъамэ?

Си сурэтхэм сыхоплъэж...-
Зэм сыпогуфIыкIыр,
Зэм къысфIощIыр нэпсыр щIэж,
Си псэр къыресыкIыр.

Зэман дапщэ къыдитар
Тхьэшхуэм къэдгъэщIэну?
Махуэ бжыгъэ къытхуэнар?
Ар дэ къэдмыщIэну...

Мы дунейм узэрыхьэщIэр
Быдэу уэ зэгъащIэ,
ЩыгуфIыкI пщэдджыжь къэбгъэщIым,
Псэу, къэппсэур пфIэмащIэу!


Рецензии