Гур гу махэу щрырет на кабардинском

Темыпы1эу гур къогузэвык1ыр,
Щхьэусыгъуэр сэ къысхуэмыгъуэт.
Бынхэр къызолъыхъуэ сеп1эщ1эк1ыу,
"Мамэ, дытэмэмщ! "-къызжа1э пэт
Сащ1оупщ1э, ахэр изокухьыр,
Си гур щ1эгузавэр схуэмыгъуэт.
Си щхьэм дэнэ дежи къыщек1ухьыр,
Сызэрихуэу си гур къысф1олъэт. 
Гу икъузым си лъэр сф1егъэмахэ,
1эпкълъэпкъ псори къарууншэ сф1ещ1.
Анэ псоми, сощ1э, я гур махэщ,
Гужьеигъуэ куэд абы къыф1ощ1.
Дауэ ди гур зэрыдгъэ1эсэнур?
Ар тепы1эу дауэ дэ тщ1ыфын?
Псори, анэхэ, дызэхуэвгъэси
Дэ тлъэк1ынщ унафэ гуэр хуэтщ1ын.
Езыхужьэр гур къэдывгъэгъуэти,
Зы унафэ гуэр хуэдывгъэгъуэт.
А щымы1эр къимыгупсысыну
Жедывгъэ1и ар т1эк1у трек1уэт.
Гузэвэным ди гур ещ1ыр махэ,
Гузэвэным ди гур ещ1ыр ц1ык1у.
Ауэ мывэ хъуми, сф1эмыдахэ,
Хъунщ-т1э, гур гу махэу щрырет!

Июль, 2019гъ ж
 


Рецензии