Дуней ф1ыгъуэ. на кабардинском

Къызэдэхащ1э, гъащ1э, ар сф1эф1 дыдэщ,
Уи дахэк1э сэ зэи зызмыгъэнщ1.
Схуэгъэщ1эращ1э уэ сызыхэс ф1ыгъуэр,
А ф1ыгъуэр зэи зыми сэ пэзмыщ1.

Ар дыщэ к1анэкъым, си пхъуантэм дэзу дэлъу,
Сошынэ, ар си1ами, сыщык1ынт.
Ар гъавэкъым, си гуэрым изу илъу,
Си1ами, сэ хуэныкьуэм хуэзгуэшынт.

Си ф1ыгъуэр уэ зищ1ысыр пщ1эн ухуеймэ,
Ар-узыншагъэрщ, бынырщ, къыбдалъхуарщ.
Ар адэ-анэрщ, ныбжьэгъур къыпхуеймэ
Ущигъуэтыфырщ, е уэ щыбгъуэтыфщ.

Мыхэр уи1ами, зэи куэд мыхъуну,
Уи гъащ1эр дахэ, 1эф1 къыпщагъэхъунщ.
Пэжым ухуеймэ, мылъкуншэуи мыхъуну,
Дыщэ к1анэншэми,  зыгуэру дыпсэунщ.

Уимы1эм узыншагъэ, гъащ1эр 1эф1къым,
Ныбжьэгъу уимы1эм, гъащ1эри нэщхъейщ.
Уэ къыбдалъхуахэр,  бынхэр уимыгъусэм,
Ар закъуэныгъэщ, щы1экъым нэхъ 1ей.

Псом нэхърэ нэхъ ф1ыгъуэжыр адэ-анэрщ,
Ахэр пхуэпсэумэ, ф1ыгъуэ псор ууейщ.
Йоф1эк1ыр ахэр куэдк1э дыщэ к1анэм,
Ахэр уэ уи1эм, псом унэхъ къулейщ!

Июль, 2019гъ


Рецензии