Сыхуейщ зызгъэпсэхуну! на кабардинском

Сыхуейщ сыт1ысу
Сэ зызгъэпсэхуну.
Мо кхъужьей щ1агъым
К1эщ1эт тет1ысхьэп1эм
Гукъеуэ лъэпкъ симы1эу
Сэ т1эк1урэ сытесыну!
Мо псыежэх 1ущащэм
И макъым седэ1уэну,
Си щэхухэмк1э мы си гум
Сэ се1ущэщэну!
Сыхуейкъым си гупсысэм
Зы гуауи хэзгъэхьэну,
Зыкъутэр гурылъ дахэр
Абы сэ къыхэсхыну.
Сыхуейщ си гугъэ дахэр
Сэ  на1уэ зыщысщ1ыну,
Гуф1эгъуэу си1э псори
Зэуэ зэхуэсхьэсыну.
Бзум хуэдэу уэгум сихьэу
Абы сакъыхэплъэну,
Гу щысхуэу дуней дахэр
Сэ зэ къэслъэтыхьыну!
Губгъуэм ит удз гъэгъахэм
Мэ гуак1уэр жьэдэсшэну,
Гъащ1эм и дахэ псори
Сэ зэуэ зыхэсщ1эну! 

Июль, 2019гъ


Рецензии