Блэк1ам ди гупэр худогъазэ на кабардинском

Уи гъащ1э гъуэгу сыбдытетыну
Уэрат сэ гъусэ сызыщ1ар.
А гъуэгум уэ сыбдрик1уэну
Сэрт уэри укъыхэзыхар.

Къэтк1уащ ди гъуэгум и нэхъыбэу,
Зэ мыхъуми дызэгъэплъэк1ыж.
Дгъэзэк1уэжын къэнауэ п1эрэ?
Къэнамэ, зэдгъэгъэзэхуэж.

Зы хьэлъэ гуэр къыздэтхьыу п1эрэ,
Зэгуэр а гъуэгум къыщытщтауэ?
Е дымыщ1эжу щылъу п1эрэ,
Зыщ1ып1э деж къытщыгъупщауэ?

Е дгъэзэжын? 1эмал зимы1эщ.
Лъэбакъуэ щ1ыбк1э пхуэмычын.
Ауэ блэк1ам зыхуэдгъэгъазэ,
Ди псалъэм дэ пщ1э щ1эдмытын.

Блэк1ам ди гупэр худогъазэ,
Зэгъусэу гъуэгу къэтк1уами доплъ.
Къэхъуащ дэ куэдрэ дыщыхуэзэ
Гугъуехьым, къигъэплъауэ дилъ.

Къытщыхъуу зэи к1э имы1эу,
Ауэ ди гъуэгум дроплъэж.
Зэм ф1ыц1эу, зэми хужьу кусэу
Щытащ ди гъуэгур, долъагъуж.

Мес, зэмыфэгъури щ1эмэщ1акъым,
Уеплъыжмэ, псори дгъэунэхуащ.
Пщ1эншэу ди гъащ1эр къэдгъэщ1акъым,
Дэ ц1ыхуф1 куэди ды1ущ1ащ.

Ди лъагъуныгъэри езэшакъым,
Дэ тщ1ыгъуу гъуэгур къыддик1уащ.
Гугъу дыщехьами дибгынакъым,
Къыдэдэхащ1эу ди гъусащ.

Иджы ди 1эпэр зэры1ыгъыу
Зыфхудогъазэ ди блэк1ам.
Зэгуэр дэ т1эщ1эк1а щыуагъэр
Хуэвмыгъэфащэ бын къэхъуам.

Зэгуэрым фи гум дэ деуамэ,
Ди псалъэ гуауэр къытхуэвгъэгъу,
Е дахэк1э фигу дыкъинамэ,
Ар гуапэщ, дыхъукъым ныкъуакъуэгъу!

Лей тщ1арэ фэ къытхуэвгъэгъуамэ,
Ди гъуэгум атк1э пыдощэж.
Зыр зым доубыдри дэ и дамэ,
Хьэлъэр къэнауэ дэ дожьэж.

Къытк1эрымыхуу лъагъуныгъэр
Зэры1ыгъит1ым къыдбгъурытщ.
Гъуэгум дынэсмэ и гъунэм, 
Нэгъуэщ1ым ар хуэтщ1ынщ щхьэхуит.

Июнь, 2019гъ   


Рецензии