Бзу бзэрабзэу си бзэ! на кабардинском

Гумызагъэ бзууэ, си бзэ,
Дэнк1и уэ къыщылъэтыхь.
Уи макъамэхэм дежьууэ
Ц1ыхуу хъуам захуэщ1 гурыхь.

Уэ уи псалъэр дахэу, гуапэу
Ц1ыхум иредэхэщ1эф.
Адыгэбзэр псом нэхъапэщ,
Адрейхэр тщ1эми тф1эф1щ.

Къуак1эбгык1эм, псыхэм, мэзхэм-
Псоми уэ къыщылъэтыхь.
Уэ тет1ысхьэ дыгъэ нэзым,
Бзийуэ псоми телъэщ1ыхь.

Ц1ыху зыук1ыу псалъэ бзаджэр
Хуэму уэ зы1эпыгъэху.
Псалъэ гуауэу бзаджэнаджэр
Псышхуэм хэдзи уэ егъэхь.

Дамэхэр уэ шэщ1и ину
Ф1ыуэ хъуар къыпыгъэщэщ.
Ятещащэу адыгэпсэм,
Я бзэр щымы1эу зыпащ1.

Нэгъуэщ1ыбзэр-ар ди хьэщ1эщ,
Дэ хьэщ1эншэуи дымыхъу.
Си анэбзэр псом нэхъ гуащ1эщ,
Зэрилъар ар куэдщ фи гухъу.

Си бзэ, си псэ-си анэбзэ,
Бзу бзэрабзэу къэлъэтыхь.
Уемызэшу уафэ къабзэм
Ди бзэ дахэр уэ щикъухь!

Уэшхыр къешхмэ  къыдешхыу,
Уэсыр къесрэ - къыдрес!
Дыгъэ нуруи къытхурепси
Жьыбгъэм дэни нрегъэс!!!

2019гъ 
 


Рецензии